АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [xʷɐ'kʹʷɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- хэ- + [кӀу] + -э + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "хуэкӏуэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэрым и лъэӀукӀэ, и жыӀэкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.
- Зыгуэрым дежкӀэ унэтӀауэ кӀуэн.
- Зы лэжьэкӀэм, псэукӀэм, Ӏуэху зехьэкӀэм икӀыу нэгъуэщӀ лэжьэкӀэм, псэукӀэм, ӀуэхузехьэкӀэм техьэн.
- Зы щӀыкӀэм, щытыкӀэм икӀыу нэгъуэщӀ щӀыкӀэм, щытыкӀэм хуэкӀуэн.
ЩАПХЪЭХЭР
- ГъукӀэм и дей схуэкӀуи сэ сызыхуеину Ӏэмэпсымэ псори хьэзыр схуегъэщӀ. Акъсырэ Залымхъан
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Мэзым хуокӀуэ.
- ПсэукӀэщӀэм хуэкӀуэн.
- ЛэжьэкӀэщӀэм хуэкӀуэн.
- Уэшхыр уэсым хуэкӀуэн.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- хуэкӏуэн: 1. go swh, to see sb (at sb's request, on sb's instructions, insistence or compulsion) 2. go, move or drive in the direction of sb or sth 3. make the transition to sth; start acting differently 4. change into (about phenomena, properties, states, etc.); turn into sth else
- Мэзым хуокӀуэ: [he] is going towards the forest
- ПсэукӀэщӀэм хуэкӀуэн: make the transition to a new way of life
- ЛэжьэкӀэщӀэм хуэкӀуэн: make the transition to a new way of working
- Уэшхыр уэсым хуэкӀуэн: turn into snow (about rain)
УРЫСЫБЗЭ
- хуэкӏуэн: 1. идти, ехать куда-л., к кому-л. (по чьей-л. просьбе, по чьему-л. поручению, настоянию, принуждению) 2. идти, ехать, двигаться по направлению к кому-чему-л. 3. перейти от чего-л. к чему-л.; начать действовать по-иному 4. перейти (о явлениях, свойствах, состоянии и т. п.); превратиться во что-л. иное
- Мэзым хуокӀуэ: [он] идёт, едет в сторону леса.
- ПсэукӀэщӀэм хуэкӀуэн: перейти к новому образу жизни.
- ЛэжьэкӀэщӀэм хуэкӀуэн: перейти на новый способ работы
- Уэшхыр уэсым хуэкӀуэн: переходить в снег (о дожде)
псалъафэ зэпыщӀахэр
Гур хуэкӀуэн (хуэмыкӀуэн)
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: (not) be disposed towards sb or sth Урысыбзэ: быть расположенным (нерасположенным) к кому-чему-л.) Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Уз хуэкӀуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: fall ill, become sick Урысыбзэ: заболеть Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Фэрэ къупщхьэм хуэкӀуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: become skinny, emaciated (literally – only skin and bones remain) Урысыбзэ: высохнуть, исхудать (букв. остались кожа да кости) Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.