АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕEdit
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭEdit
- IPA [fʹɑ:'mǝɕʹ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭEdit
- [фӀамыщӀ]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | фӀамыщӀ | фӀамыщӀыр | -- | фӀамыщӀхэр |
Эргативнэ: | фӀамыщӀ | фӀамыщӀым | -- | фӀамыщӀхэм |
Послеложнэ: | фӀамыщӀкӀэ | фӀамыщӀымкӀэ | фӀамыщӀхэкӀэ | фӀамыщӀхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | фӀамыщӀу | фӀамыщӀырауэ | фӀамыщӀхэу | фӀамыщӀхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЩӀым къыщӀах гъэсын.
- Пхъэ сахуэ, дэп щӀэужьыхэжа.
ЩАПХЪЭХЭРEdit
- - Гъэс фӀамыщӀыр, - жиӀэщ дади, кӀуащ лӀыжь гъукӀэр кхъухьтедзапӀэм. КӀыщокъуэ Алим
- Яжьэм фӀэмыщӀ и тесэнщ. Псалъэжьхэр
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 96 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Мывэ фӀамыщӀ. | Каменный уголь. | Сoal. |
Мывэ фӀамыщӀыр щӀым къыщӀах. | Каменный уголь добывается из земли. | Coal is extracted from under the ground. |
Япэм мывэ фӀамыщӀыр гугъу ехьу ӀэкӀэ къыщӀахырт. | Раньше каменный уголь с большим трудом руками добывали. | Before coal was extracted by hand with great difficulty. |
Иджы мывэ фӀамыщӀыр тыншу къыщӀах. | Теперь уголь добывается легко. | Now coal is easy to extract. |
Мывэ фӀамыщӀкӀэ хьэкур ягъэплъ. | Каменным углём топят печку. | Coal is used to heat the stove. |
ФӀамыщӀым мафӀэгур егъэлажьэ. | Уголь приводит в движение поезда. | Coal makes trains work. |
ФӀамыщӀым хущхъуэ къыхах. | Из угля добывают лекарства. | Medicines are made from coal. |
Дэнэ фӀамыщӀыр здэщыӀэр? | Где залегает уголь? | Where is coal found (located)? |
ФӀамыщӀыр фӀыуэ мэс. | Уголь хорошо горит. | Coal burns well. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- фӏамыщӏ: 1. coal (fossil fuel) 2. coals
УРЫСЫБЗЭEdit
- фӏамыщӏ: 1. уголь (ископаемое) 2. угли
БИБЛИОГРАФИЕEdit
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.