АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
< тыркубзн: uğurlu = угъурлы
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [wǝʁʷǝr'ɮǝ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [угъурлы]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | угъурлы | угъурлыр | -- | угъурлыхэр |
Эргативнэ: | угъурлы | угъурлым | -- | угъурлыхэм |
Послеложнэ: | угъурлыкӀэ | угъурлымкӀэ | угъурлыхэкӀэ | угъурлыхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | угъурлыуэ | угъурлырауэ | угъурлыхэу | угъурлыхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Гурылъ Ӏей зимыӀэ, хьэлэл, нэщэнэфӀ зыхэлъ.
- ФӀыгъуэ, насып, хьэрычэт къызыдэкӀуэ.
ЩАПХЪЭХЭР
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ЦӀыху угъурлы.
- Сабий угъурлы.
- ЩӀапӀэ угъурлы.
- Ӏэщ угъурлы.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- угъурлы: 1. kind, cordial (about a person) 2. bringing happiness, kindness, well-being, prosperity
- ЦӀыху угъурлы: a kind man
- Сабий угъурлы: a kind child
- ЩӀапӀэ угъурлы: a plot of land that brings prosperity
- Ӏэщ угъурлы: cattle that brings prosperity
УРЫСЫБЗЭ
- угъурлы: 1. добрый, сердечный (о человеке) 2. приносящий счастье, добро, благополучие
- ЦӀыху угъурлы: добрый человек
- Сабий угъурлы: добрый ребёнок
- ЩӀапӀэ угъурлы: приносящий благополучие участок земли.
- Ӏэщ угъурлы: приносящий благополучие скот
псалъафэ зэпыщӀахэр
Угъурлы хуэхъун (хъун)
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: make sb happy, bring sb happiness or good fortune Урысыбзэ: принести счастье кому-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.