АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
уадэ
-
уадэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['wɑ:dɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [у] + -а + -д + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | уадэ | уадэр | -- | уадэхэр |
Эргативнэ: | уадэ | уадэм | -- | уадэхэм |
Послеложнэ: | уадэкӀэ | уадэмкӀэ | уадэхэкӀэ | уадэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | уадэу | уадэрауэ | уадэхэу | уадэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ГъущӀ зэрыщӀауӀукӀ, зыгуэр зэрыхаукӀэ е зэракъутэ, пхъэкӀрэ гъущӀыщхьэу зэфӀэлъ Ӏэмэпсымэ.
ЩАПХЪЭХЭР
- Япэ дыдэу уадэ, Ӏэдэ, сыдж нартхэм яхуэзыщӀар Лъэпщщ. Нартхэр
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 57 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Ӏэбу Ӏэди уади иӀэщ. | У Абу инструменты. | Abu has some tools. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- уадэ: hammer, mallet
УРЫСЫБЗЭ
- уадэ: молот; молоток
псалъафэ зэпыщӀахэр
Уадэм къытегъэхуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: reach agreement with sb Урысыбзэ: добиться чьего-л. согласия. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: ТӀатӀым, тхьэ пхузоӀуэ, уи нитӀ къаплъэмкӀэ уэзгъэлъагъунмэ а ЗиночкикӀ сэ сызыхуей уадэм къытезгъэхуауэ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
уадэ цӀыкӀу
Мыхьэнэ: Ӏэ лъэныкъуэкӀэ зэрылъащэ уадэ мыин, псынщӀэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: a small hammer, a small mallot Урысыбзэ: молоток, молоточек Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
уадэ щхьэ папцӀэ
-
уадэ щхьэ папцӀэ
Мыхьэнэ: ПапцӀэу, псыгъуэу пыуӀукӀауэ щхьэ зиӀэ уадэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: a pickaxe Урысыбзэ: кирка Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.