АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕEdit
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭEdit
- IPA [te:'tʹʂǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭEdit
- те- + [кӀ] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭEdit
Глагол лъэмыӏэс "текӏын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- ТебэкъукӀын, текӀуэтын, теӀэпхъукӀын, зыгуэрым и щхьэфэр, и щӀыӀур бгынэн.
- ТекӀуэдыкӀын, темылъыж хъун (ткӀууэ, теукъуеикӀыу, техууэ, н. къ.).
- ДэкӀын (зэман).
- Къулыкъур утӀыпщын, лэжьапӀэм ӀукӀыжын.
ЩАПХЪЭХЭРEdit
- Шухэр гъуэгушхуэм токӀри мээ лъагъуэ тохьэ. Шортэн Аскэрбий
- Дакъикъэ зыбжанэ текӀри, мэлыхъуэ унэр даущыншэ хъужащ. Черкес таурыхъхэр, сборник
- Абы лъандэрэ илъэс мащӀэ текӀакъым. Черкес таурыхъхэр, сборник
- И къулыкъум текӀыну [щӀалэм] и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэртэкъым. Къэбэрдей, альманах
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Уэсыр текӀащ.
- Жылэ гъэщӀытам и фэр текӀыгъуафӀэу токӀ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- текӏын: 1. get off sth, move from one place to another, turn off to the side, leave swh 2. come off, melt sth (for example. snow, paint, etc.). 3. pass, go by (about time) 4. to resign ones post, to quit one’s job
- Уэсыр текӀащ: the snow melted
- Жылэ гъэщӀытам и фэр текӀыгъуафӀэу токӀ:
УРЫСЫБЗЭEdit
- текӏын: 1. сойти откуда-л., переместиться с одного места на другое, свернуть в сторону, уйти откуда-л. 2. сойти с чего-л. (напр. о снеге, краске и т. п.). 3. пройти (о времени) 4. уйти с должности, покинуть пост, уволиться
- Уэсыр текӀащ: снег сошел.
- Жылэ гъэщӀытам и фэр текӀыгъуафӀэу токӀ:
псалъафэ зэпыщӀахэр
Дагъэ текӀынEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: ooze out, exude (about fat oil) Урысыбзэ: выделяться (о жире). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Напэр текӀынEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: be shamed, disgraced Урысыбзэ: опозориться, осрамиться. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Нэхъуей текӀауэEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: show excessive greed (mostly about food) Урысыбзэ: проявлять излишнюю жадность (чаще о еде). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
И псалъэм текӀынEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: back down, retract your words Урысыбзэ: отступиться, отказаться от своих слов. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ТекӀ имыӀэуEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: permanently, constantly Урысыбзэ: бессменно, постоянно. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Хьэлым текӀынEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: change your habits, give up a habit. Урысыбзэ: изменить свои привычки, отойти от своего обыкновения. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
И «шейтӀаныр» текӀауэEdit
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: subdue one’s anger Урысыбзэ: смирить свой гнев. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕEdit
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.