Wt/kbd/надэ

< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > надэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ПЛЪЫФЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['nɑ:dɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [н] + -а + [д] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: надэ надэр -- надэхэр
Эргативнэ: надэ надэм -- надэхэм
Послеложнэ: надэкӀэ надэмкӀэ надэхэкӀэ надэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: надэу надэрауэ надэхэу надэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Зи кӀуэцӀыр нэщӀ, купщӀэ зэрымылъ (п. п. дэ, пщӀий).
  2. Мыхьэнэ щӀагъуэ зимыӀэ (п. п. тхыгъэ, псалъэ).
  3. Къарууншэ, гуащӀэмащӀэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Зы дэкӀэ уигу сыкъэкӀи, ари надэу къыщӀыкӀ. Псалъэжьхэр
  • Ину надэ нэхърэ цӀыкӀуу лъабжьэ. Псалъэжьхэр

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Сэхураныр щӀэбгъэпщмэ, хьэдзэ надэхэр самэкӀэмкӀэ ехь.
  • Псалъэ надэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • надэ: 1. empty (for example, about nuts, seeds) 2. empty, meaningless (for example, about a conversation) 3. physically weak, weak-willed
  • Сэхураныр щӀэбгъэпщмэ, хьэдзэ надэхэр самэкӀэмкӀэ ехь: if you winnow sunflower seeds, the empty seeds are blown away with the husks.
  • Псалъэ надэ: empty words
УРЫСЫБЗЭ
  • надэ: 1. пустой (напр. об орехах, семечках) 2. пустой, несодержательный (напр. о разговоре) 3. физически слабый, слабосильный
  • Сэхураныр щӀэбгъэпщмэ, хьэдзэ надэхэр самэкӀэмкӀэ ехь: если провеять семечки, уносит пустые семечки с шелухой.
  • Псалъэ надэ: пустые слова

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.