Wt/kbd/лъэдакъэ

< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > лъэдакъэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ɬɐ'dɑ:qʹɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [лъ] + -э - [дакъ] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: лъэдакъэ лъэдакъэр -- лъэдакъэхэр
Эргативнэ: лъэдакъэ лъэдакъэм -- лъэдакъэхэм
Послеложнэ: лъэдакъэкӀэ лъэдакъэмкӀэ лъэдакъэхэкӀэ лъэдакъэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: лъэдакъэу лъэдакъэрауэ лъэдакъэхэу лъэдакъэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Лъакъуэр зэрытеувэ щӀыбагъ лъэныкъуэр.
  2. Туфлъэ, къатыр лъэгухэм щӀэукӀа къытелъэгыкӀыр.
  3. КъэкӀыгъэ лъэдий пыупщӀам и кӀапэ нэхъ гъум лъабжьэм и гъунэгъуу щытыр.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Абы зэ лъапэкӀэ, зэ лъэдакъэкӀэ теуэу Къэрэжан и пащхьэм зыщегъэуфафэ. ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
  • Нал зыщӀэукӀа шырыкъу лъэдакъэхэр мэтӀыркъэ ину. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
  • Зы бжэгъу кӀэщӀ щӀым хаукӀэр и лъэдакъэр занщӀэу пыхауэ. Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ, сборник
  • Жыг лъэдакъэжь гуэрым тест ар [хъыджэбзыр].. спэмыжыжьэу. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • лъэдакъэ: 1. heel (of the foot) 2. heel (of a shoe) 3. the thickened end of a tree trunk or stem
УРЫСЫБЗЭ
  • лъэдакъэ: 1. пятка (ноги) 2. каблук 3. толстый конец ствола, стебля

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.