АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ɬɐ'bʑɑ:nɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [лъ] + -э + [бжь] + -а + [н] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | лъэбжьанэ | лъэбжьанэр | -- | лъэбжьанэхэр |
Эргативнэ: | лъэбжьанэ | лъэбжьанэм | -- | лъэбжьанэхэм |
Послеложнэ: | лъэбжьанэкӀэ | лъэбжьанэмкӀэ | лъэбжьанэхэкӀэ | лъэбжьанэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | лъэбжьанэу | лъэбжьанэрауэ | лъэбжьанэхэу | лъэбжьанэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Хьэ лъэпкъ, джэду лъэпкъ псэущхьэхэм, бзухэм я лъакъуэм пыт бжьакъуэхэкӀ папцӀэр.
- Шы лъабжьэм къыпыкӀыкӀыр.
- ЦӀыхум и лъэпхъуамбэхэм къытекӀэр.
ЩАПХЪЭХЭР
- Машхэ бажэр, лыкӀэ матхъэ, и лъэбжьанэр егъэпӀастхъэ. Щомахуэ Амырхъан
- Лъэбжьанэм ихъуреягъкӀэ къыдэбэгыкӀырт, лъакъуэр пщтырт. Къущхьэ СулътӀан
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Джэд лъэбжьанэ.
- Шы лъэбжьанэр и чэзум къамыупщӀыхьмэ, зэгуоч, шы лъабжьэр егъэкӀуэд.
- Лъэбжьанэр пыупщӀын.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- лъэбжьанэ: 1. claws of birds and certain animals 2. a growth on horses' hooves 3. toenails
- Джэд лъэбжьанэ: a chicken's claws.
- Шы лъэбжьанэр и чэзум къамыупщӀыхьмэ, зэгуоч, шы лъабжьэр егъэкӀуэд: if a horse's hooves aren't trimmed in time, they split and are ruined.
- Лъэбжьанэр пыупщӀын: trim your nails.
УРЫСЫБЗЭ
- лъэбжьанэ: 1. коготь у птиц и некоторых животных 2. вырост на копыте лошади 3. ногти (на ногах)
- Джэд лъэбжьанэ: когти у курицы.
- Шы лъэбжьанэр и чэзум къамыупщӀыхьмэ, зэгуоч, шы лъабжьэр егъэкӀуэд: если вовремя не подстричь копыта лошади, они раскалываются и разрушаются.
- Лъэбжьанэр пыупщӀын: стричь ногти.
псалъафэ зэпыщӀахэр
Лъэбжьанэ фӀэгъэнапӀэ щӀын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: make sb the object of persecution. Урысыбзэ: сделать кого-л. объектом преследования. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Лъэбжьанэр хэукӀэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: grab. seize, not let go. Урысыбзэ: вцепиться, не упустить. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.