АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['ɬɑ:pɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [лъ] + -а + [п] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | лъапэ | лъапэр | -- | лъапэхэр |
Эргативнэ: | лъапэ | лъапэм | -- | лъапэхэм |
Послеложнэ: | лъапэкӀэ | лъапэмкӀэ | лъапэхэкӀэ | лъапэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | лъапэу | лъапэрауэ | лъапэхэу | лъапэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр.
- Вакъэм, лъэпэдым и пэ.
- Мэзымрэ губгъуэмрэ шызэпылъ щӀыпӀэ.
- И гуащӀэдэкӀым и хъер бгъэдыхьэжын.
- ПӀэ лъапэ.
ЩАПХЪЭХЭР
- Пщыкъан лъапэкӀэ тету.. щӀэкӀыжащ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
- Хэт илъэгъуа адыгэ джэгу.. хатӀэу, я лъапэр япхъуатэу. ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
- Шырыкъу лъапэкӀэ бжэр къыӀуиудри лӀы гуэр къыщӀыхьащ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
- Бажэхэмрэ дыгъужьхэмрэ къызэхуэсри.. Ӏуащхьэ лъапэм къетӀысэкӀащ. КӀэрашэ Тембот
- ЩакӀуэм мэз лъапэм пщыӀэ щищӀри щӀэтӀысхьащ. Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ, сборник
- [Бэчмырзэ] нэху игъэщырт.. пӀэ лъапэм тесу, и нитӀыр и къуэ закъуэм темыкӀыу. Шортэн Аскэрбий
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Ӏуащхьэмахуэ лъапэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- лъапэ: 1. forefoot, forwardmost part of the foot 2. toe (of footwear, stockings) 3. the edge of the forest 4. see sth (for example the results of your labour) 5. foot (of the bed)
- Ӏуащхьэмахуэ лъапэ: the foot of Elbrus
УРЫСЫБЗЭ
- лъапэ: 1. передняя часть ступни, носок 2. носок (обуви, чулка) 3. опушка 4. увидеть что-л. (напр. результаты своего труда) 5. изножье
- Ӏуащхьэмахуэ лъапэ: подножие Эльбруса
псалъафэ зэпыщӀахэр
Лъапэ дэмышиен
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: not to cross sb’s doorstep Урысыбзэ: не переступать чьего-л. порога. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Лъапэ махуэ (къ)ихьэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: to bring into a house happiness and good fortune (about a guest, bride, etc.) Урысыбзэ: принести счастье, радость в дом (о госте, невесте и т.п.). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, къыщӀыухьэ лъапэ махуэ. Къэбэрдей поэзием и антологие
Фи бжэщхьэӀум къебэкъуа цӀыхубзым.. лъапэ махуэ фи унэ кърихьэну сохъуэхъу. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
Лъапэ махуэ къыухьэжьэж
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: a wish for health and happiness – when addressing sb who has recovered for an illness Урысыбзэ: пожелание здоровья, счастья - при обращении к выздоровевшему. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Лъапэ махуэ къыухьэжьэжи, сыт ухуэдэ, си ныбжьэгъу? Къэбэрдей, альманах
Сымаджэу къэтэджыжамэ, «Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!» жаӀэ. Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр, сборник
Лъапэ махуэ къыщӀыухьэ!
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: my your arrival bring good fortune Урысыбзэ: Да будет твой приход счастливым! Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Унэм игъащӀэм къыщӀэмыхьа къыщыщӀыхьэм деж, жаӀэ хабзэщ: — Лъапэ махуэ къыщӀыухьэ! КӀыщокъуэ Алим
Лъапэ щымылъэщӀын (щӀэмышиен)
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: not to cross sb’s doorstep Урысыбзэ: не переступать чьего-л. порога. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Лъапэ (лъэбакъуэ) щӀэчэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: go in, enter swh Урысыбзэ: войти куда-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
лъапэ щхьэнтэ
Мыхьэнэ: Гущэм щыхапхэкӀэ сабийм и лъакъуэм тралъхьэ щхьэнтэ цӀыкӀу; гущэ щхьэнтэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: a cradle pillow used to cover a baby’s legs. Урысыбзэ: колыбельная подушечка, накладываемая на ноги ребёнка Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.