АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹǝpɐ'pɬɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- къы- + пэ- + [плъ] + -э + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "къыпэплъэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэрым къежьэн, къыщыгугъын.
- Къыпэщылъын, къыпэщытын (п. п. зыгуэр къехъулӀэну, къылъысыну е илэжьыну).
ЩАПХЪЭХЭР
- ХьэщӀэхэр зэрыкӀуэмур зэхихати, бысымым загъэхьэзырауэ къапэплъэу мыдрейхэри дыхьащ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
- [Анэм:] — Уэ укъонэр сэ си дахэ, Уэ къыспэплъэ сыкъэсыху, Ер зи щӀасэм заукӀыжми, удэмыкӀуэ уэ зы цӀыху. Акъсырэ Залымхъан
- Дэ ди щӀалэгъуэм Насып къыпоплъэ. ЩоджэнцӀыкӀу Нурий
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ЛӀым Ӏуэхушхуэ къыпоплъэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къыпэплъэн: 1. from a distance, wait for or expect sb or sth 2. await sb, sb faces sth
- ЛӀым Ӏуэхушхуэ къыпоплъэ: sth great is awaiting the man.
УРЫСЫБЗЭ
- къыпэплъэн: 1. находясь в отдалении, ждать, ожидать кого-чего-л. 2. предстоять кому-чему-л.
- ЛӀым Ӏуэхушхуэ къыпоплъэ: мужчину ждет великое дело.
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.