АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹǝpǝ'xǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- къы- + пы- + [х] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "къыпыхын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэрым фӀэдзауэ, пыту щытыр къыфӀэхын, къыпычын.
- Зыгуэр зыӀэрыгъэхьэн, зыгуэрым ей зыӀэщӀэгъэхьэн.
- Дэплъеин, шапхъэ къытехын.
- Зыгуэрым укъицӀэлэн (п. п. узым).
ЩАПХЪЭХЭР
- Къэрэжау и къуэм джатэр къыпихри, зиплъыхьащ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
- А жыгыжьым махуэ къэс зы мыӀэрыcэт къыпыкӀэр. Зэшыпхъуищыр лъатэрти А мыӀэрысэр къыпахырт. Нартхэр
- Молэми ищӀэрт Хужьэ зэрымыхъужынур, ауэ псэуху тӀэкӀу къыпыкӀынур къыпыcхынщ, жери пыкӀыжыныр и гум къыхуидэртэкъым. Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ, сборник
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Акъыл къыпех.
- Уз зэрыцӀалэ къыпихащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къыпыхын: 1. remove sth from sth 2. get or obtain sth from sb or sth 3. adopt, embrace, receive sth from sb 4. be infected by sb (with some disease)
- Акъыл къыпех: he got his brains from him
- Уз зэрыцӀалэ къыпихащ: [he] was infected with a contagious disease.
УРЫСЫБЗЭ
- къыпыхын: 1. снять что-л. с чего-л. 2. получить, добиться чего-л. от кого-чего-л. 3. перенять, воспринять что-л. от кого-л. 4. заразиться от кого-л. (какой-л. болезнью)
- Акъыл къыпех: он перенял его ум.
- Уз зэрыцӀалэ къыпихащ: он заразился заразной болезнью
псалъафэ зэпыщӀахэр
Жэуап къыпыхын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: to get a response from sb Урысыбзэ: получить ответ от кого-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Фейдэ къыпыхын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: to make a profit or income from sth Урысыбзэ: иметь прибыль, доход от чего-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Хъер къыпыхын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: receive benefit, profit or income from sth Урысыбзэ: получить пользу, прибыль, доход от чего-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹǝpǝ'xǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- къы- + пы- + [х] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "къыпыхын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Пыхауэ зыгуэрым и Ӏыхьэ пыгъэщхьэхукӀын.
ЩАПХЪЭХЭР
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Пхъэбгъу кӀапэр къыпыхын.
- Жыг щхьэкӀэр къыпыхын.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къыпыхын: saw or cut sth off of sth, separate sth from sth
- Пхъэбгъу кӀапэр къыпыхын: saw the end off a board.
- Жыг щхьэкӀэр къыпыхын: cut the top off a tree.
УРЫСЫБЗЭ
- къыпыхын: отпилить, отрезать, отделить что-л. от чего-л.
- Пхъэбгъу кӀапэр къыпыхын: отпилить конец доски.
- Жыг щхьэкӀэр къыпыхын: отрезать верх дерево