Wt/kbd/къыкӏэлъыкӏуэн

< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > къыкӏэлъыкӏуэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [qʹǝtʹʂɐɬǝ'kʹʷɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • къы- + кӀэлъы- + [кӀу] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Зыгуэрым и деж къакӀуэ и хабзэу щытын.
  2. ЦӀыхубзым и деж къэкӀуэн (п. п. и щӀасэлӀыр).
  3. Зыгуэрым и ужь иту къэкӀуэн.
  4. Зыгуэр щхьэкӀэ, зы мурад гуэркӀэ къэкӀуэн.
  5. Зыгуэрым и ужькӀэ щыӀэн, щытын, къэхъун.

ЩАПХЪЭХЭР

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Ныбжьэгъухэр къыкӀэлъыкӀуэн.
  • ЦӀыхубзым лӀы къыкӀэлъыкӀуэн.
  • Зы шыгум адрейр къыкӀэлъыкӀуэрт.
  • Бжьэр гъэгъам къыкӀэлъыкӀуащ.
  • Гъатхэм гъэмахуэр къыкӀэлъокӀуэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • къыкӏэлъыкӏуэн: 1. be a frequent guest 2. visit sb (a lover) 3. follow, come after sb or sth 4. come for sth with some purpose 5. follow, arrive, begin after sth
  • Ныбжьэгъухэр къыкӀэлъыкӀуэн: be a frequent guest (friends)
  • ЦӀыхубзым лӀы къыкӀэлъыкӀуэн: visit a woman regularly (a lover)
  • Зы шыгум адрейр къыкӀэлъыкӀуэрт: one horse cart followed the other
  • Бжьэр гъэгъам къыкӀэлъыкӀуащ: the bee came flying to the flower
  • Гъатхэм гъэмахуэр къыкӀэлъокӀуэ: summer follows spring
УРЫСЫБЗЭ
  • къыкӏэлъыкӏуэн: 1. приходить, приезжать к кому-л. (сюда) 2. ходить к кому-л. (о любовнике) 3. прийти, приехать следом за кем-чем-л. 4. прийти, приехать с какой-то целью, за чем-л. 5. следовать, наступать за чем-л.
  • Ныбжьэгъухэр къыкӀэлъыкӀуэн: быть частым гостем (друзья)
  • ЦӀыхубзым лӀы къыкӀэлъыкӀуэн: к женщине ходить (о любовнике)
  • Зы шыгум адрейр къыкӀэлъыкӀуэрт: за одной конной повозкой следовала другая.
  • Бжьэр гъэгъам къыкӀэлъыкӀуащ: пчела пришла к цветку.
  • Гъатхэм гъэмахуэр къыкӀэлъокӀуэ: за весной следует лето.

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.