АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ПЛЪЫФЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['qʹɑ:bzɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [къабз] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | къабзэ | къабзэр | -- | къабзэхэр |
Эргативнэ: | къабзэ | къабзэм | -- | къабзэхэм |
Послеложнэ: | къабзэкӀэ | къабзэмкӀэ | къабзэхэкӀэ | къабзэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | къабзэу | къабзэрауэ | къабзэхэу | къабзэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ФӀей зыкӀэрымылъ, зыбгъэдэмылъ, фӀеиншэ.
- Дахэ, зэкӀэлъыкӀуэ, бжьыфӀэ.
- ФӀы, нэгъэса, дагъуэ зимыӀэ.
- Щымыщ зыхэмылъ.
ЩАПХЪЭХЭР
- Ӏэминат и Ӏэ къабзэхэр аргуэру илъэщӀащ хьыданкӀэ. Къущхьэ СулътӀан
- Гуэдз жылэ къабзэ яшэну щӀалитӀ зы гум ису къакӀуэрт. Теунэ Хьэчим
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 95 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Псыр къабзэу зехьэн хуейщ. | Надо держать воду чистой. | Water should be kept clean. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Шы-уанэ зэтелъ къабзэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къабзэ: 1. clean, pure 2. beautiful 3. good, immaculate, irreproachable (about sth) 4. pure, without admixtures
- Шы-уанэ зэтелъ къабзэ: a good saddle horse
УРЫСЫБЗЭ
- къабзэ: 1. чистый 2. красивый 3. хороший, безупречный (о чём-л.) 4. чистый, без примесей
- Шы-уанэ зэтелъ къабзэ: хорошая верховая лошадь.
псалъафэ зэпыщӀахэр
Бзэ къабзэ
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: 1. eloquent 2. faultless, clean – about language, speech Урысыбзэ: 1. красноречивый 2. чистый – о языке, речи Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Гу къабзэ
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: frank, honest Урысыбзэ: чистосердечный, честный Псалъэ зэпхахэр: II. Щапхъэхэр:
Фейдэ къабзэ
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: net revenue Урысыбзэ: чистый доход Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.