АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zǝdɐ'ħǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зы- + дэ- + [хь] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "зыдэхьын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- УздэкӀуэм зыгуэр хьын.
- Уи лӀэныгъэм нэгъуэщӀым и ажалыр къыхэкӀын.
- Суд, тезыр с. ху. Ӏуэху мыщхьэпэ узыхэхуам нэгъуэщӀи хэшэн, хегъэлъэфэн.
ЩАПХЪЭХЭР
- Исхьэкъ дэнэ кӀуэми и бжьамийр зыдехъ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
- ДжэдылӀэм зыдихьа бабыщ. Псалъэжьхэр
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Судым ирата лӀым цӀыху зыбжанэ зыдихъащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зыдэхьын: 1. carry or take sb or sth along with you 2. take sb to the grave with you 3. make sb your co-defendant
- Судым ирата лӀым цӀыху зыбжанэ зыдихъащ: the man on trial made several people his co-defendants.
УРЫСЫБЗЭ
- зыдэхьын: 1. нести кого-что-л. с собой 2. забрать с собой в могилу кого-л. 3. сделать кого-л. своим соответчиком
- Судым ирата лӀым цӀыху зыбжанэ зыдихъащ: человек, отданный под суд, сделал несколько человек своими соответчиками.
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.