АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ze:ʁɐ'ħǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зы- + е- + гъэ- + [хь] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "зегъэхьын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэрым уихъу зыщӀыпӀэкӀэ кӀуэн.
- Зрегъэхьэжьэн (жьым, псым).
- ӀукӀын, зыщӀыпӀэкӀэ зыӀуегъэхын.
ЩАПХЪЭХЭР
- Узыпэмылъэщ псым зегъэхь. Псалъэжьхэр
- Хьэхэм япэщӀэхуа ӀыхьэфӀ зырызыр я жьэм жьэдэлъу къуэгъэнапӀэ зырызкӀэ зрагъэхьащ. Жаным Борис
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Сабийр яхуэмыуву анэм зрегъэхь.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зегъэхьын: 1. let or ask sb carry you 2. allow yourself to be carried (by the wind or current) 3. go away, leave
- Сабийр яхуэмыуву анэм зрегъэхь: The child refuses to stand up to make his mother will carry him.
УРЫСЫБЗЭ
- зегъэхьын: 1. позволить кому-л., попросить кого-л. нести себя 2. позволить унести себя (ветру, течению) 3. убраться, уйти прочь
- Сабийр яхуэмыуву анэм зрегъэхь: Ребенок не хочет становиться на ноги, чтобы мать несла его.
псалъафэ зэпыщӀахэр
Гугъу зегъэхьын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: try to do sth for sb’s or sth’s sake Урысыбзэ: стараться сделать что-л. ради кого-чего-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ЛӀыгъэм зегъэхьын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: overcoming yourself, to do, to endure, to suffer sth Урысыбзэ: поборов себя, сделать, стерпеть, снести что-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.