Wt/kbd/едзэкъэн

< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > едзэкъэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [je:dzɐ'qʹɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • е- + [дзэкъ] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. ДзэкӀэ зыгуэрым еӀэн, дзэкъапӀэ щӀын.
  2. Шхыным хэӀэбэн, тӀэкӀу шхэн.
  3. ЩӀыӀэ, пщтырагъ с. ху. Ӏэпкълъэпкъым зэпхидзу зыхэщӀэн.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Бадзэ хъейуэ къыщӀумынэ, И напӀащхьэм едзэкъэнщ. ПащӀэ Бэчмырзэ
  • Къыпхуэсхьахэм тӀэкӀу едзакъэ, Уэзгъэшхынкъэ сэ шэ ӀэфӀ. ЩоджэнцӀыкӀу Алий
  • НакӀуэт, кхъыӀэ, мо ныщӀыхьэ, Ди шыгъупӀастэ уедзэкъэнщ. Елгъэр Кашиф

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • ЩӀалэ цӀыкӀур лэкъумым едзэкъащ.
  • ЩӀыӀэр тхьэкӀумэм занщӀэу йодзакъэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • едзэкъэн: 1. bite or snap sb or sth 2. have a snack, a bit to eat (eat a small amount) 3. ache, hurt, cause pain or a burning sensation
  • ЩӀалэ цӀыкӀур лэкъумым едзэкъащ: the boy had some lukum as a snack.
  • ЩӀыӀэр тхьэкӀумэм занщӀэу йодзакъэ: the boy’s ear suddenly started aching.
УРЫСЫБЗЭ
  • едзэкъэн: 1. укусить кого-что-л. 2. закусить, перекусить (немного поесть) 3. кусать, вызывать боль, чувство жжения
  • ЩӀалэ цӀыкӀур лэкъумым едзэкъащ: мальчик перекусил лакумом.
  • ЩӀыӀэр тхьэкӀумэм занщӀэу йодзакъэ: ухо мальчика вдруг заболело.

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.