АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
быдз (1)
-
быдз (2)
-
быдз (3)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [bǝdz]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [быдз]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | быдз | быдзыр | -- | быдзхэр |
Эргативнэ: | быдз | быдзым | -- | быдзхэм |
Послеложнэ: | быдзкӀэ | быдзымкӀэ | быдзхэкӀэ | быдзхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | быдзу | быдзырауэ | быдзхэу | быдзхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЦӀыхубзым сабийр шэкӀэ зэрипӀ.
- Псэущхьэхэм я щӀэжьейхэр зэрапӀ, Ӏэщхэм шэ къызэрыщӀаш.
- Шейнык сыт хуэдэхэм я псы къижыпӀэ.
ЩАПХЪЭХЭР
- Зи быдз зэмыузарэ зи дзэ мыузарэ уз щыӀэрэ щымыӀэрэ ищӀэркъым. Псалъэжьхэр
- Жэм быдзиплӀыр зэхуэдэмэ, гъэшыфӀэщ. Псалъэжьхэр
- Хьэмидбий и ӀэщхьитӀыр дрехьейри жэм быдз къеблагъащӀэр къеукъуэдий. ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Сабийр быдз егъэфэн.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- быдз: 1. breast(s) 2. nipple (mammals) 3. spout (of a teapot)
- Сабийр быдз егъэфэн: breastfeed a child
УРЫСЫБЗЭ
- быдз: 1. грудь, груди 2. сосок (у млекопитающих) 3. носик (чайника)
- Сабийр быдз егъэфэн: кормить ребёнка грудью
псалъафэ зэпыщӀахэр
Быдз щегъэгъэтыжын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: wean, take away from the breast Урысыбзэ: отнять от груди [ребёнка]. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.