Wt/kbd/абдж

< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > абдж

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ɐbdᶎ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [абж]

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: абж абжыр -- абжхэр
Эргативнэ: абж абжым -- абжхэм
Послеложнэ: абжкӀэ абжымкӀэ абжхэкӀэ абжхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: абжу абжырауэ абжхэу абжхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Узэпхрыплъ хъууэ пшахъуэ гъэткӀуам къыхэщӀыкӀа пкъыгъуэ (щхьэгъубжэнэу халъхьэ, хьэкъущыкъу къыхащӀыкӀ, нэгъуэщӀуи къагъэсэбэп).
  2. ЯтӀэ хужь лъэпкъыфӀхэм къыхагъэжыкӀ пкъыгъуэ (тепщэч, фалъэ, нэгъуэщӀ хьэкъущыкъу къыхащӀыкӀ).
  3. ПтулъкӀэ; птулъкӀэмрэ итымрэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Шори и Ӏэр пӀэм къыщӀехри хущхъуэгъуэ зэрыт абдж цӀыкӀухэм ящыщ зы ажэгъафэм хуеший. Шортэн Аскэрбий

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Абдж гъэвэн.
  • Абдж ӀупщӀэ.
  • Щхьэгъубжэм хэлъ абджыр къутащ.
  • Абдж тепщэч.
  • Абдж хьэкъущыкъу.
  • Псы абдж.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • абдж: 1. glass 2. porcelain, china 3. bottle
  • Абдж гъэвэн: to melt (make) glass
  • Абдж ӀупщӀэ: a splinter (piece) of glass.
  • Щхьэгъубжэм хэлъ абджыр къутащ: the windowpane broke.
  • Абдж тепщэч: a porcelain (china) dish
  • Абдж хьэкъущыкъу: porcelain (china) dishes
  • Псы абдж: a bottle of water
УРЫСЫБЗЭ
  • абдж: 1. стекло || стеклянный 2. фаянс || фаянсовый 3. бутылка
  • Абдж гъэвэн: варить стекло
  • Абдж ӀупщӀэ: кусок, осколок стекла
  • Щхьэгъубжэм хэлъ абджыр къутащ: оконное стекло сломалось
  • Абдж тепщэч: фарфоровая (фаянсовая) тарелка
  • Абдж хьэкъущыкъу: фарфоровая (фаянсовая) посуда
  • Псы абдж: стеклянная бутылка

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.